Къажьыкъ (лат-бз. Lanius collurio) — къажьыкъ лъэпкъым щыщщ.
ЛӀэужьыгъуэ нэхъ цӀыкӀухэм ящыщщ, дамэ лъэныкъуэр см. 8,4-9,8. ТхыцӀэмрэ дамащхьэмрэ гъуэщ, кӀэпкъыщхьэмрэ дамэхэмрэ гъуабжэ-фӀыцӀафэщ и гъунэхэр хужьу. Ныбэ щӀагъыр тэхущ, плъыфэ мащӀэу къыщӀэуэу. Анэхэм я тхыцӀэр гъуэщ.
Еуропэмрэ Азиэмрэ я Ӏыхьэ нэхъыбэм щопсэу. Ищхъэрэ Къаукъазым къызэрыкӀуэ къуалэбзущ, мылъэтэж. Щогъуалъхьэ гъурц гуэрэн щхьэхухэр зэрыт тафэхэм, жыг хадэхэм, паркхэм.