ЦӀыжьдадэцӀыкӀу (лат-бз. Periparus ater) — лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
ЩхьэфӀыцӀэ лыдщ, щхьэщӀыбым ӀэпапӀэ хужь хэлъщ, тхыцӀэр, кӀэр щхъуэ-гъуабжафэщ. Жьэгъур фӀыцӀэщ. Хулъащхьэр, бгъэр, ныбэ щӀагъыр сырыхуфэщ.
Щыбэгъуащ къэрал куэдым я кхъуакӀэ мэзхэм. Ищхъэрэ Къаукъазым и къущхьэ мэзхэм мылъэтэжу щопсэу. Щогъуалъхьэ нэмыщӀ къуалэбзу лӀэужьыгъуэхэм я абгъуэ бгынэжахэм.
Здэшхэр кхъуакӀэ жыг къудамэхэращ. Ӏусым хохьэ хьэпщхупщхэр, гъудэбадзэхэр, уэздыгъей шыкӀуртӀым.