dcsimg

Ужьэ кlэ кlыхь ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Ужьэ кlэ кlыхь (лат-бз.: Mustela erminea, ур-бз.: Горностай) — шъакlуэ-псэушъхьа, шэрыпl, дзыдзэ лэпкъым ящыщ.

Аплъэпlкъыр

Ужьэ кlэ кlыхьыр исурэткlэ дзыдзэу хъуам яхьч. Кlыфэ псыгъуэ-кlыхь, лъакъуэхэр кlэкlыу, пшъэр кlыхьу, шъхьар памцlу тхьакlумэхэр хъуреуэ тету. Хъум икlыфэм икlыхьагъыр см. 17 - 38 (бзыхэр иныкъуэкlэ нэхъцlыкlу), ихьалъагъыр г. 70 - 260, кlапэм икlыхьагъыр кlыфэм и 35% см 6 - 12.

Цым ифэр зэрехъуэкыр: шlымахуэм хужьу щыт, гъэмахуэм тlууэ зэхэлъ: ныбэ, бгъэр, жэпкъыр, лъакъуэкlуэцlгъунэхэр - хужь; нэlур, кlыбыр, лъакъуэлъэныкъуэхэм я гупэр гъуабджу щыт. Хужькlэ зэзхъуэкlхэр махуэ 40 къыщыкlэдзауэ-нэхъыбу шlымахуэм уэс здытелъ лъэныкъуэхэм щыпсохэр. Кlапэм икlэр фlыцlу щыт, гъэпсом.

Здэпсохэр

Ужьэ кlэ кlыхьыр Шlыгум Ишъхъэрэ псом щопсоу Еуразиэмрэ Ишъхъэрэ Америкэмрэ. Еуропэм Скандинавым къыщыкlэдзауэ Перенейхэмрэ Алпхэмрэ нэгъунэ ( Албэныр, Алыджыр, Болгарыр, Тыркур хэмыту ). Азиэм здэпсохэр Монголым, Афганистаным, Ираным, Азиэ Курытым япшэхъуалъэм носыр, Китайм и ишъхъэрэ-къуэкlыпlэмрэ, Японым и ишъхъэрэм. Ишъхъэрэ Америкэм Канадам , Гренлэндым, АШЗ-м ишъхъэрэ лъэныкъуэм. Урысейм и еуропэ лъэныкъуэмрэ Сыбырымрэ.

Зэрыпсохэр

Ужьэ кlэ кlыхьыр нэхъыбу здэпсохэргубгъуэ-мэзхэм, мэзхэм иэ тундра лъэныкъуэхэм. Псэупlэр къызэрыхихыр шхын зэригъуэтыфынумкlэ (дзыгъуэ лъэпкъхэм ящыщ). Нэхъыбэм псым игъунэгъу гъуэр ешъыр, псыlуфэхэм, псыхъуэхэм, мэзым хэт псыхъурехэм я lуфэм иэ гъубгъуэгъунэм, пабжъэхэм, къэмылхэм. Мэзхэм кууэ макlыу хыхьу щыпсохэр; къыхиххэр мэзыр здырахам идежь, мэзыкугубгъуэхэм, нэхъ кlасу къуаджэхэм нэхъ игъунэгу.

Шъакlуэ щежьэр бджэхьашъхьахэм-джэщхэм. Гъуэ здишъынум, быныр къыздихьынум зэхэдз ишъкъым, тэнэ-деи къппэкlэхуэ мэхъу - мэкъу lатэм, нывэ зэтелъхэм, унэжъхэм, пхъэдакъэ унэм бгъэдэлъу зэтелъхэм. Абы пэмыкlыу жыгкlуэцl гъуэхэм, псыр къикlмэ абыхэм зегъэпшкlу. Куэду иукlа псэушъхьахэми ягъуэхэм щытlысхьи мэхъу; бын къыздихьыну гъуэм лъэгум иукlа псэушъхьашэм яцыр ирелъхьа, макlыу удз щырилъхьи мэхъу. Шlымахуэкlэ зы гъуэм исурэ щыткъым, куэчыурэ мэпсо: нывэ кlагъхэм, лъабжъэхэм, пхъэдакъэхэм кlэтlысхьурэ.

Ужьэ кlэ кlыхьыр фlыуэ йорсыф икlи жыгхэм допшеиф ауэ зыхуэнэхъ lасэр шlым шъакlуэну.

Зэрзэпыхьахэр

Зэпылъын щыкlадзэр мазаем икум къыщыкlэдзауэ мэкъуауэгъуэм ипэм нэгъунэ. Бзыр мазэ 9-10 псэф, щылъхуэр мэлыжьыхьым накъыгъэм язэхуакум. Чыру къылъхур 3къыщыкlэдзауэ 18 носыр, нэхъыбэм 4-9 къэлъху. Зыпlхэр бзым изакъуэ. Чырхэр гр. 3-4 фlэкlа хъухэкъым, я кlыхьагъыр мм. 32-51 . Нэфу къохъухэ, дзахъэху я тхьакlумэхэри зэхуэшъауэ. Махуэ 30-41 щыхъухэм янэхэр къызэтраххэ, мазитl-мазищым я инагъымкlэ анэм хуэду мэхъухэ, иджыри мэзитl текlауэ шъэкlуэн язакъуэ кlадзэ. Зэрыпсохэр 1-2, нэхъыбэдыду къагъашъэр илъэс 7.

Сурэтылъэ

license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors

Ужьэ кlэ кlыхь: Brief Summary ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Ужьэ кlэ кlыхь (лат-бз.: Mustela erminea, ур-бз.: Горностай) — шъакlуэ-псэушъхьа, шэрыпl, дзыдзэ лэпкъым ящыщ.

license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors