Псыхэуэхужь (лат-бз. Ardea alba) — псыхэуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Адрей лӀэужьыгъуэхэм къагуокӀ и теплъэ хужьыбзэмрэ зэрыпӀащэмрэкӀэ. Ику иту къешэч ч. 1,5 кӀигъу, дамэ лъэныкъуэм и кӀыхьагъщ см. 43-44. КӀэцӀыгъуэ зэманым псыхэухужьым и пщэдыкъым къыхокӀ хьэгуагуэ мыин, и пщэ щӀагъым — цы кӀыхь зэгуэкӀхэр, дамащхьэхэми — апхуэдэ цы кӀыхьхэр, кӀащхьэм блэкӀыу. Ахэр — агреткэ жыхуаӀэ цы цӀэрыӀуэхэрщ. Пэр, лъакъуэхэр фӀыцӀэщ, нэ хъуреягъыр удзыфэщ.
Урысейм уеблэмэ, щыбэгъуэжьауэ къалъытэ. Гуп-гупури щхьэхуэ-щхьэхури мэгъуалъхьэ. Абгъуэ щещӀ бгъэн Ӏув кӀырхэм. УащыпэщӀохуэ Ипщэ Еуропэм, Азиэм, Ищхъэрэ, Ипщэ Америкэхэм, Африкэм, Аустралиэм, Зелэнд ЩӀэм я тропик е субтропик лъэныкъуэхэм. Къаукъазым щымащӀэкъым, мэлъэтэж.
Агреткэ цыр зыӀэрагъэхьэн папщӀи 19 лӀэщӀыгъуэм псыхэуэхужьхэр гущӀэгъуншэу куэду зэтраукӀащ. Абы папщӀэ гъэщӀэгъуэнкъым, мы къуалэбзу лӀэужьыгъуэр япэм здыщыгъуалъхьэу щыта щӀыпӀэ куэдым зэрыщымыӀэжыр, е мащӀэ дыдэ зэрыхъуар. Е 20 лӀэщӀыгъуэм и 20 гъэхэм мы къуалэбзур хъумэн зэраублам, зэрырамыгъэщакӀуэжым и фӀыгъэкӀэкъэрал куэдым и бжыгъэр къызэрыкӀуэ хъужьащ.
Псыхэуэхужьым и Ӏусыр бдзэжьей, псы хьэпщхупщ, пкӀауэ, мацӀэ, шэрыпӀ псэущхьэ жьгъейхэр.