Ашэмыхъэ (лат-бз. Capsella bursa-pastoris) — зы гъэкӀэ фӀэкӀа къэмыкӀ удзщ.
См 20-40-кӀэ дэкӀей ипкъ псыгъуэм и щхьэкӀэм гъэгъа хужь-фагъуэ цӀыкӀухэр гъатхэм, гъэмахуэм къыпедзэ зэпытщ. И лъабжьэмкӀэ къыщыдэж тхьэмпэхэм лэдэх яӀэщ, ищхьэмкӀэ тетхэм нэхърэ нэхъ инщ. Ашэмыхъэм лъабжьэ ин ищӀыркъым.
Дунейм схуэдэ лъэныкъуэми ущрехьалӀэ, Арктикэмрэ Антарктикэмрэ къынэмыщӀауэ. Ар хадэхэм, губгъуэхэм, жыг щӀагъхэм куэду къыщокӀ.
Джэдкъазым, Ӏэщым яшх. Удзым и къэгъэгъэгъуэм хущхъуэу къагъэщхьэпэ.
Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.