dcsimg

Псыкъуаргъ ( Kabardian Sircassian )

fornì da wikipedia emerging languages
 src=
Alcedo atthis

Псыкъуаргъ (лат-бз. Alcedo atthis) — псыкъуаргъ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр

Тхыр, щхьэр — къащхъуэ-лыдщ; жьэгъур, бгъэгущхьэр, ныбэ щӀагъыр — улиягъуафэщ. Лъакъуэ плъыжьщ, дамэбгъуэ кӀэщӀщ, пэ кӀыхь захуэщ.

Здэпсэухэр

Щопсэу Еуропэм, Африкэм, Азиэм я щӀыпӀэ щхьэхухэм. Щогъуалъхьэ нэпкъ задэ псы хуом Ӏуфэхэм, чыцэ, жыг зэщӀэкӀахэр зыӀутхэм. И нэхъыбэм абгъуэр псыщхьэ нэпкъым щащӀ ихьэпӀэр къудамэхэм ягъэпщкӀуу, абы «гъуэкӀэ» уеджэмэ нэхъ хуэфащэщ, и гъэпсыкӀэр апхуэдэщи. Хъури анэри зэдэӀэпыкъуурэ, нэпкъым пэкӀэ къыщырауд бгъуэнщӀагъ см. 30-100-м нэс кууагъыу, къыраудар лъэбжьанэкӀэ къыратхъуурэ. Ар илъэс бжыгъэкӀэ къагъэсэбэп. Гъэм тӀо къраш. Ди псыӀуфэхэм, псалъэм папщӀэ: Балъкъ, Бахъсэн, ИнжыджцӀыкӀу, Инжыджышхуэ, Псыжъ, Шэрэдж, Тэрч я деж мылъэтэжу щопсэу. Я бжыгъэкӀэ курытщ.

Ӏусыр

Ӏус нэхъыщхьэр бдзэжьейщ. Яшх гъудэбадзи, хьэмблыуи, псы псэущхьэ цӀыкӀуфэкӀухэри.

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
licensa
cc-by-sa-3.0
drit d'autor
Wikipedia authors and editors

Псыкъуаргъ: Brief Summary ( Kabardian Sircassian )

fornì da wikipedia emerging languages
 src= Alcedo atthis

Псыкъуаргъ (лат-бз. Alcedo atthis) — псыкъуаргъ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

licensa
cc-by-sa-3.0
drit d'autor
Wikipedia authors and editors