Вынд (лат-бз.: Corvus corax, ур-бз.: Вoрон) — бзухэм ящыщ, вынд лъэпкъ цlыкlум яхэт.
Бзуужь лъэпкъм яхэтхэм нэхъ ин. Икlыфэм икlыхьагъыр см. 60 - 65 мэхъур. Хъухэр нэхъ ин бзыхэм нэхърэ, адрей псомкlэ зэхьчху щытхэ. Хъухэм я дамэм икlыхьагъыр мм. 410 - 473, бзыхэм мм. 385 - 460. Я хьалъагъыр хъухэм г. 1, 100 - 1560, бзыхэм г. 798 - 1315. Дамэ зэгуэхахэм я бгъуагъыр м. 1, 20 мэхъу.
Я цыр къуагъми вындыжьми ям хуэду зы фэуэ щыт, ауэ вындыжьхэм зэрамыхьчыр я инагъымкlэ. Я цхэр фlыцlу щыт шхъуантlу иэ удзыфу хэлыдыкlыу. Чырхэм я цыр псыфэ-кlынфlу щыт, мы лыду. Бзу инхэм я цыхэр фlыцlэ; яшхьэр, пшъэр дамэхэр джоуэ плъыжьыфу лыду, ныбафэмкlэ шхъуэнтlафу лыду. Цы нэгъу лэныкъуэм тетхэм я кlэхэр памцlу щытхэ. Пэр памцlэ къэрууфlэ, фlыцlу щыту. Лъэбжъанэхэр ину щытхэ, гъэчаху. Кlапэр памцlу щыт, щы лъатэм идежь зэуэ гу лъыпту.
Вындым икъэлэтыхьын шэныр бзу-шъакlуэхэм нэхъ ехьч адрей вынд лъэпкъ цlыкlум ящыщ бзухэм къызэралъэтыхьым нэхърэ.
Куэду здэпсэухэр Еуропэм, Азиэм, Ишъхъэрэ Америкэм, Ипшъэ Африкэм.
Еуропэм ипшъэлъэныкъуэм Норвегиэм, Шуэциэм, Финлэндым къыщыкlэдзауэ Урысейм ишъхъэрэ лъэныкъуэр хэту ипшъэмкlэ макlкуэ Португалым, Перенейхэм, Урымым, Алыджым икъуэхьапlэ лъэныкъуэм, Болгарым, Румыным, Хы Фlыцlэм и lуфэхэм, Къаукъазым. Къуэкlыпlэмкlэ Курыт, Къуэхьапlэ Сыбырым Анадырим, Чукот хы тlыгуныкъуэм, Камчаткэм, Сахалиным, Курил хы тlыгухэм нэс щопсохэ. Ипшъэмкlэ: Ипшъэ Африкэм, Аравиэм, Палестиным, Шамым, Къажэрым, Афганистэным, Ишъхъэрэ-Къуэхьапэ Индиэм, Гималайхэм, Тебетымрэ Монголымрэ. Къуэхьапlэм Кобдомрэ Лоб-Нора нэс щопсохэ. Абы пэмыкlыу куэду Гренлэндымрэ Ишъхъэрэ Америкэмрэ щопсэухэ.
Япэрей Совет Къэралым ишlыпlэхэм здэпсэухэр: Ищхъэрэмкlэ Колымрэ (ур-бз. Кольский) Кáнин хы тlыгуныкъуэхэм, Тиман тундрэм, Щlыгу Кlэм, Колгу, Чмалым, Таймырым щыпсэухэкъым. Обымрэ Енисеймрэ я псыхъуэхэм гуп мыинхэу долъатэхэр, ауэ щыпсэухэркъым. Къуэкlыпlэмкlэ я щlыпlэр Хатангам носыр. Ипщэмкlэ дэнэ декlи щырокlуэ Хы Фlыцlэмрэ Къаукъазымрэ нэс, Туркменистаным и къуэщхьэ лъэныкъуэхэм, Къазэхъстаным тыншу иубыд щlыпlэхэр псэущхьэ-азэгъуэхэм иджыри загъэщакъым, абы аткlэ я щIыпlэхэр Монголым носыр.
Щlымахуэхэм вындхэм цlыхухэм я гъунэгъуу заlыгъыр. Езыхэр бзу сакъыурэ щытхэщ, щlым фlыуэ тетхэщ, зокlуэфхэр. Дэлъэтеин щхьэкlэ япэ щIыкIэ тlэу-щэ мапкlэри итlанэ долъэтейхэ. КъагъэщIыр Ӏэсэхэм илъэс 15-м къыщыщlэдзауэ 69-м носыр.
Сыт щыгъуи зы щlыпlэм ису щытхэкъым. Къаукъазымрэ Туркменистанымрэ къущхьэ лъэныкъуэхэм вындхэм я ныкъуэращ къыдэнэр, илъэс гуэрэхэм зэрызууи къыдэнэ мэхъур. Туркменистаным бын къырача яуж гупху зэхохьахэ, бзуу 40 - 70 хуэдиз хъууэ, нэхъ макlыу щэм фlэкlыу гупу зэхохьахэ. Къэукъазым гъэ щlыlэхэм гупхэр ину щыткъым бзууэ 10-12 хуэдизу зэхэтщ. Еуропэ лъэныкъуэм бын къырача яуж вындхэр гуп-гупу мэкуэчхэ бзууэ 3-7 хуэдизу зэхэтхэу.
Вындхэм шхынкlэ зэхэдз яшъкъым. Нэхъыбу я шхыныр псэхэлlэл. Абы пэмыкlыу бындыр мэшъакlуэ губгъуэхэм, мэзкъуийхэм, къушъхьахъухэм, хым, псым я lуфэхэм. А къэбжэкlа шlыпэхэм вындым къыилъыхъуэхэр псэхэлlэл (унагъуэ псэушъхьа лlа: былым, джэд, хьа...) абы пэмыкlыу: губгъуэ псэушъхьахэр еубыд, джэдыкlэ абгъуэхэм илъхэр ирех, бзу чырхэр ехь, бжъэжъей, цlыв lамэ.
Вындхэр щызэфlэувэхэр илъэситl щырикъум идежь. Хъурэ бзырэ зэргъуэтахэр зэхэкlыжьхэкъым. Абгъуэм джэдыкlэ щырилъхьар мазаем икlэм идежь. Ирилъхьар джэдыкlыу 4 -6 хуэдиз. Махуэ махуитl дэлъурэ мэкlэцlыр. Етlуанэр иэ ещанэр ирилъхьа яуж тесын кlедзэр. Зэртесыр махуэ 19 - 21. Чырхэр хъуми бзыми япlыр езыхэм яшхымкlэ чырхэри ягъашху. Абгъуэ пlыныр мазэрэ ныкъуэрэкlэ йокlуэкlыр. Лъэтэн кlадза яуж быныр куэдрэ нэхъыжъхэм ядэкlыгъу иджыри, бжыхьам икlэм идежь щызэхэкlыжьхэр.
Вынд (лат-бз.: Corvus corax, ур-бз.: Вoрон) — бзухэм ящыщ, вынд лъэпкъ цlыкlум яхэт.