dcsimg

Унэбзу хэкӀыгъуэр ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Унэбзу теплъэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Passeriformes) — къызэщӀеубыдэ лъэпкъ, лӀэужьыгъуэ куэд дыдэ.

Хьисэп къызэращӀамкӀэ, щӀыгум къуалэбзу лӀэужьыгъуэ тетым и процент 63 унэбзу хэкӀыгъуэщ, дэни уащыпэщӀэхуэнущ, Антарктидэм къинэмыщӀауэ. Я нэхъыбэр жьгъейщ, курытхэри яхэтщ, г. 3-4-м къыщыщӀэдзауэ 1,100-1,600-рэм нэс къашэч.

Унэбзу хэкӀыгъуэхэр моногамнэщ, хьэӀулэщӀхэщ. Шырхэр джэдыкӀэм къопщ цыншэу, я нэхэр къэмыпщӀауэ. МахуипщӀ хуэдизкӀэ ягъашхэ, апщӀондэхункӀэ цы къатокӀэри абгъуэм къолъэтыкӀ. Къуаргъым къинэмыщӀа, адрей унэбзу хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэм кӀэцӀын яублэ илъэс нэбжым иту. Къуаргъхэм — илъэситӀым. Илъэсым зэщ цы зэрапхъыжыр. Ӏусыр хуабжу зэщымыщщ.

ХэкӀыгъуэм къызэщӀеубыдэ лӀэужьыгъуэ 5,100-рэ, лъэпкъ 66-рэу, хэкӀыгъуэ къуэдзэ плӀыуэ гуэшыжауэ. Ищхъэрэ Къаукъазым икум узщыхуэзэ унэбзу хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэм ятеухуащ орнитолог Молэмусэ Хьэжмурат и лэжьыгъэ щхьэхуэ.

ХэкӀыгъуэ къуэдзэхэр

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors

Унэбзу хэкӀыгъуэр: Brief Summary ( Kabardian Circassian )