КъуанщӀэпэплъ (лат-бз. Pyrrhocorax pyrrhocorax) — вынд теплъэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Къуалэм хуэдизынщ, къешэч г. 270-370. Теплъэр фӀыцӀэ-лыдщ, дамэхэмрэ кӀэмрэ удзыфэ къащӀоуэ. И пэ псыгъуэ кӀыхь мащӀэу гъэшамрэ лъакъуэхэмрэ плъыжь-лыдщ.
Еуропэм, Азиэм, Африкэм я къущхьэхэм щопсэу. Лъэтэжкъым. Гуп-гупурэ абгъуэ щащӀ къыр нэӀухэм, нэпкъ задэхэм. Къаукъазым и къущхьэ щӀыпӀэхэм мылъэтэжу куэду щопсэу.
Яшх хьэпщхупщ, хьэмблу, къэкӀыгъэ жылэ.