dcsimg

Мэзджэд ( Circassiano Cabardiano )

fornecido por wikipedia emerging languages

Мэзджэд (лат-бз.: Phasianus colchicus, ур-бз.: Кавказский фазан) — бзу Phasianinae лъэпlкъым ящыщу. Азиэм къыкlауэ.

Iарысэ бзухэм ящыщ.

Сурэтыр

Кlыфэм икlыхьагъыр см 85 нос, хьалъагъыр кг 1,7-2,0, адакъэхэр анэкlэхэм нэхъри нэхъ инхэ. Адрей фэзанхэм ялъытамэ мэз джэдым инэ хъуреягъым щымыхъукlэ ишъхьа псом цы тет. Икlапэр кlыхьу щыт, цы 18 хэту, икlэм памцlэ хъуху. Дамэхэр хуэхъуреуэ, мы памцlу щытхэ. Адакъэхэр нэхъ къуэлэну щыт я цыр.

Адакъэхэм я сурэтыр lэуэ зэшъхьащокlыр. Ишъхъэрэ лъэныкъуэмкlэ псохэм яшъхьамрэ пшъэмрэ дышъэфэ-удзыфафу щыт икlагъымкlэ фlыцlафэ-шхъуэнтlафэ хъууэ. Кlыбым тет цыхэр дышъэфэ-плъыжьыфу щытхэ я унэр фlыцlу. Кlапэм тет цыхэр гъуэжьфэ-гъуэбджафэхэ, я гъунэхэр шхъуэнтlафу щыту. Инэхъуреягъым фэ къуи къыкlэщыр плъыжьу щыт. Анэкlэхэр псыфэ-гъуэбджафу щытхэ, иэ псыфэ-пшахъуафу, фlыцlу уэгу хэлъу.

Зэрыпсохэр

Мэз джэдхэр инэхъыбэм мэзхэм щопсоу. Абы пэмыкlыу - псыхъуэм пабжъэ ирикlуэхэм, псыхъурейхэм я гъунэм lут пабжъэхэм, мэзхэм икъуацэхэм идежь губгъуэ цlыкlухэм нахъ игъунэгъу иэ губгъуэ гъунэхэм ирикlуэ мэз псыгъуэхэм. Къыщыщтэм иде жыгым щыдэлъэтер макlэ, нэхъыбэм удзым иэ пабжъэм зыхегъапшкlуэ.

Иlусым инэхъыбэр джылэ, мэракlуэ, пхъышъхьа-мышъхьа цlыкlу. Абы пэмыкlыу цlыв, бадзэ, хьапlацlэ, хьамблу lамэ.

Зэрзэпылъхэр

Гъэшъэгъуэныр: хуиту щыпсохэм адакъэмрэ анэкlэмрэ зэпыкlхэкъым, lарысэхэм, унагъуэм яlыгъхэр хуиту щытхэ, запыкlыу пэмыкlхэм япохьахэ.

Я гъуэхэр шlым щашъыр. Тетlысхьану бгъуэм джэдыкlыу ирилъхьар ( гъатхэм ипэм ) 8 къыщыкlэдзауэ 20 нэсыфыну, езы джэдыкlэхэм яфэр гъуабджу щыт. Тесри зыпlри анэкlэ закъуэра, зэртерыс мазэ хуэдиз.

Сурэтылъэ

licença
cc-by-sa-3.0
direitos autorais
Wikipedia authors and editors
original
visite a fonte
site do parceiro
wikipedia emerging languages

Мэзджэд: Brief Summary ( Circassiano Cabardiano )

fornecido por wikipedia emerging languages

Мэзджэд (лат-бз.: Phasianus colchicus, ур-бз.: Кавказский фазан) — бзу Phasianinae лъэпlкъым ящыщу. Азиэм къыкlауэ.

Iарысэ бзухэм ящыщ.

licença
cc-by-sa-3.0
direitos autorais
Wikipedia authors and editors
original
visite a fonte
site do parceiro
wikipedia emerging languages