dcsimg

Къуршджэд ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Къуршджэд (лат-бз. Alectoris chukar) — мэзджэд лъэпкъым хыхьэ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр

И инагъкӀэ къуалэм нэхърэ тӀэкӀу нэхъ инщ. Анэр хъум нэхърэ нэхъ цӀыкӀущ икӀи лъэджажэ иӀэкъым. Къешэч г. 450-800; и кӀыхьагъыр см. 32-39. И теплъэр щхъуафэщ, гъуэжьыфэ къыщӀэуэу. НатӀэм къыщыщӀэдзауэ нэхэм ирикӀуэу пщэм и гупэ хъуреягъым кусэ фӀыцӀэ ирокӀуэ. Ныбэ щӀагъыр гъуэжь-хужьыфэщ. Ибгъухэм кусэ гъуабжэ, фӀыцӀэ зэхэлъхэр йохыр.

Здэпсэухэр

Мыр Къаукъазым къинэмыщӀауэ, къэрал куэдым щопсэу, псалъэм папщӀэ: Азиэ Курытым, Хъутейм, Ипщэ Къазахъстэным. Гъуэлъыгъуэм анэмрэ хъумрэ тӀурытӀу хэхокӀхэ, джэдыкӀи 7-22 егъэтӀылъ. Махуэ 24 теса яуж къырешыр.

Ӏусыр

Нэхъыщхьэу я Ӏусыр жылэ, мэракӀуэ, тхьэпэ, пкъыщӀэ, лӀабжьэщӀэкӀэ, нэхъ мащӀэу гъудэбадзэ, бэдж нэмыщӀхэр.

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors