Ныбэхубзухэр (лат-бз. Charadrius) — Ӏуфэбзу лъэпкъым щыщ лъэпкъыгъуэщ.
КъызэщӀеубыдэ лӀэужьыгъуэ 30-щ, къуалэбзу курыту е жьгъейуэ. Теплъэр нэхъыщхьэу щхъуэ, пшахъуафэ е ятӀафэу щытщ, лӀэужьыгъуэ гуэрэхэм мащӀэу ӀэпапӀэхэр яхэпхъауэ.
Дуней псом и щӀыпӀу хъуам уапэщӀэхуэнущ (Антарктидэм къанэмыщӀа). Я Ӏусыр нэхъыщхьэу хьэпщхупщ, гъудэбадзэ е хьэмблущ.