Къазкъуэлэн (лат-бз. Tadorna tadorna) — бабыщ лъэпкъым щыщщ. Биологиэ лъэныкъуэмкӀэ мыр бабыщымрэ къазымрэ я зэхуаку мэхъу.
Къуалэбзу пӀащэщ, губгъуэбабыщым нэхърэ нэхъ инщ ауэ къазплъыфэм нэхърэ нэхъ цыкӀущ. И теплъэр нэхъыбэкӀэ хужьщ, щхьэр, дамащхьэхэр — фӀыцӀэ лыдщ; пщэбгъу щӀагъыр, хулъэ гъунэхэр, дамащхьапэхэр, кӀэщӀагъыр — гуабжэщ; пэр — плъыжьщ, лъакъуэ кӀыхь плъыжьщ.
Къазхэм ещхь ещӀ зекӀуэкӀэмкӀэ: псынщӀэу, куэдрэ мэзекӀуэф, щылъатэкӀэ дамэхэр куэдрэ щӀиупскӀэкъым. Зэгуэгъуу мэпсэу. Щогъуалъхьэ Еуропэмрэ Азиэмрэ я щӀыпӀэ щхьэхухэм. Ущыхуозэ Ипщэ Хуэхуэлейм, Къаукъаз гъунэхэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм. ЩӀымахуэр щрех Хы ФӀыцӀэ, Хы Каспий Ӏуфэхэм. Къаукъазым къыщылъатэр зэзэмызэ дыдэщ. Абгъуэр щещӀ гъуэ ябгынэжахэм, хьэуазэ хьэвэхэм, псэуалъэ къамыгъэщхьэпэжхэм.
И нэхъыщхьэ Ӏусу щытыр: псы псэущхьэ жьгъейхэр, къэкӀыгъэ жылэ, удзыпкъэ цӀынӀэ, тхьэпэщӀэхэращ.
Къазкъуэлэн (лат-бз. Tadorna tadorna) — бабыщ лъэпкъым щыщщ. Биологиэ лъэныкъуэмкӀэ мыр бабыщымрэ къазымрэ я зэхуаку мэхъу.