КъущхьэбзущӀэращӀэ (лат-бз. Fringilla montifringilla) — бзупэгъум лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
И теплъэкӀэ бзущӀэращӀэмрэ руматымрэ ящхьщ, кӀащхьэмрэ кӀэпкъымрэ хужьщ; щхьэр, тхыцӀэр, кӀэр — фӀыцӀэщ. Жьэгъур, хулъащхьэр, джабэхэр — гъуэжь-хужьыфэщ; джабэхэм кусэ фӀыцӀэхэр ирокӀуэкӀ; бгъэщӀагъымрэ ныбащхьэмрэ хужьщ. Анэм и теплъэр нэхъ фагъуэщ.
Щопсэу Еуропэмрэ Азиэмрэ. Мэлъэтэж. Къаукъазым деж и бжыгъэкӀэ курытщ, мылъэтэжу щопсэу, щогъуалъхьэ къущхьэ щӀыпӀэхэм.
КъущхьэбзущӀэращӀэ (лат-бз. Fringilla montifringilla) — бзупэгъум лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.