БанэкӀэпхъ (лат-бз. Lappula squarrosa) — зы гъэкӀэ е гъитӀкӀэ къэкӀ удз лъахъшэщ.
Ипкъ зыбжанэу зызыгуэшыр см 20-30-кӀэ докӀей. Гъэгъа къащхъуэ цӀыкӀухэр гъатхэм къыпедзэ. И тхьэмпэхэр бгъузэ-кӀыхьщ, ипкъхэм цы щабэ тетщ, и жылэ хъурей цӀыкӀухэм банэ тетхэм мэлхэм я цыр яуцӀэпӀ.
КъэкӀыгъуэм ущыхуозэ дыгъапӀэ джабэхэм, хъупӀэхэм, мэкъупӀэхэм.
Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.