dcsimg

АӀуудз-лъэпкъ ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

АӀуудз-лъэпкъ (лат-бз. Liliaceae ) — удз-къэкӀыгъэ унагъуэ зэхэт, ШӀыгум илъэныкъу хъуам къыщокӀхэ. Я тхьампэхэр къамэ сурэту, псыгъуэ кӀыхьу щытхэ. Абыхэм янэхъыбэр Ӏарысу ягъэкӀыр хадэхэм, я гъагъэ дахэхэм шъхькӀэ.

Лъэпкъым хэтхэр зэрзэшъхьащыкӀыр (2010 гъэмкӀэ) — 19; лъэпкъ цӀыкӀу зэрыхъухэр — 610 .

ЗэрзэфӀэтхэр

Удз-къэкӀыгъэхэ, нэхъыбэкӀэ гъэбжыгъэкӀэ псоу къэкӀыгъэ, мэкӀыу пабжъэ хуэду къокӀхэ.

Тхьампэхэр нэхъыбэкӀэ псоуэ щытхэ, гъэчым зэрызурэ къытемыкӀыэху, зэзэмызэкӀэ кӀы пыту.

ШӀышъхьам къыхэкӀыр нэхъыбэкӀэ зэкӀэкӀэкӀыу щыткъым. Лъабжъэжъу, шъхьауэ щыту, абыхэмкӀэ шӀымахуэм зыщахъуму щытхэ иэ гъэ хуабэ псыншэхэм яде.

Гъагъэхэр гъэчым илъэныкъуэхэм зэхуэмыду зы лъэныкъуэм хуэгъэзауэ ирокӀуэ. Езы гъагъэхэр ину, тхьампэшхуэхэр ятету щытхэ.

Джылашъхьар щыхъум мэгъури щыуэ зэгочыр (джылэр къыдигъэшэшу), иэ маракӀуэу къыпокӀэ.

КъыздэкӀхэр

КъэкӀыгъэ-лъэпкъым щыщхэр ШӀыгум илъэныкъу хъуами къыщокӀхэр, ауэ нэхъыбу къэрал хуабэхэм, нэхъ макӀыу тропикхэм я зэхуакум, къэрал шӀыӀахэм иэ къуэшъхьашхуэ лъэныкъуэхэм. Псыудзхэм хуэду АӀуудз-лъэпкъхэм ящыщхэр къэкӀкъым, нэхъ кӀасу шӀыпӀэ гъушъэхэм къыщокӀхэ.

ЛъэпкъцӀыкӀу зэрзэшъхьащыкӀхэр

  • Amana
  • Calochortus
  • Cardiocrinum
  • Clintonia
  • Erythronium
  • Fritillaria
  • Gagea
  • Lilium
  • Lloydia
  • Medeola
  • Nomocharis
  • Notholirion
  • Prosartes
  • Scoliopus
  • Streptopus
  • Tricyrtis
  • Tulipa

Сурэтылъэ

license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors