dcsimg

БзущӀыху ( kabardien circassien )

fourni par wikipedia emerging languages

БзущӀыху (лат-бз. Monticola solitarius) — жьыкъан лъэпкъ, къуршбзуупцӀэ лъэпкъыгъуэ.

Теплъэр

Пкъым и кӀыхьагъыр см. 23-рэ, дамэ лъэныкъуэм см. 12-щ, къешэч г. 45-55. Щхьэщыгур, пщэр, тхыр — къащхъуэ-щхъуэщ; ныбэ щӀагъыр, джабэхэр — гъуэщ. Анэм и щӀыбыр щхъуэ-пшахъуафэщ, кусэ фӀыцӀэ жьгъейхэр хэсу; ныбэ щӀагъыр гъуабжафэщ.

Здэпсэухэр

Щопсэу Къауъказым, Еуропэм, Азиэм, Африкэм я щӀыпӀэ щхьэхухэм. ЩӀымахуэм ипщэ щӀыпӀэ хуабэхэм мэлъэтэж. Щогъуалъхьэ бгылъэ щӀыпӀэхэм къыр зэгуэкӀыпӀэхэм, мывалъэхэм. Гъэм тӀо къыреш.

Тхылъхэр

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.
licence
cc-by-sa-3.0
droit d’auteur
Wikipedia authors and editors