dcsimg

Бэрэтӏинагъуэ ( 卡巴爾達語 )

由wikipedia emerging languages提供

Бэрэтӏинагъуэ (лат-бз. Mentha arvensis) — илъэс куэдкӏэ къэкӏ удз лӏэужьыгъуэщ. Бэрэтӏинэ лъэпкъэгъум щыщщ.

Теплъэр

И лъэгагъыр см 20-40-м нос, ипкъ гъуэплъыфэ къызыщӏэлъадэхэр занщӏэу докӏей. Тхьэмпэ къыпидзэхэр хуэхъурей щӏыкӏэщ, дзэ цӏыкӏу яӏэщ. Гъэгъа пшэплъыфэ мащӏэхэр и щхьэкӏэм къыпедзэ бадзэуэгъуэм къыщыщӏэдзауэ фокӏадэм нэс. Удзым мэ дахэ къыкӏэрех.

Къэкӏыгъэм лъабжьэ кӏыхьхэр ещӏ.

КъыздэкӀыр

Мэкъупӏэхэм, псыхъуэхэм, щӏыпӏэ псыӏэхэм, къуэхэм къыщыкӏыу ухуэзэ.

Къэгъэщхьэпэгъуэр

Адыгэхэр куэд щӏауэ ироӏэзэ. Къэкӏыгъэм хэлъ дагъэр, эфирыр медицинэм, парфумериэм къыщагъэщхьэпэ.

Тхылъхэр

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.

許可
cc-by-sa-3.0
版權
Wikipedia authors and editors
原始內容
參訪來源
合作夥伴網站
wikipedia emerging languages