Лъэхьэнцэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Pelecaniformes) — псы Ӏуфэм гъунэгъуу щыпсэу къуалэбзу хэкӀыгъуэщ.
Курытхэщ е пӀащэхэщ, псалъэм папщӀэ жьэдзыуэиным ч. 13-м нэс къешэч. Цы Ӏув зытетхэщ, хьэӀулэщӀхэщ. Лъакъуэ кӀэщӀхэщ, я лъэпхъуамбиплӀми я зэхуакур зэпхащ фэ ӀувкӀэ. ФӀыуэ мэлъатэ, хуарзи къахокӀ, ауэ емыси, зыщӀэзмыгъэмбрыуи яхэтщ. Я теплъэкӀэ зэщхьэщокӀхэр.
Лъэпкъибл хэкӀыгъуэм зэщӀеубыдэщ, абыхэм ящыщ зыр дунем тетыжкъым.