Тхьаджэд, Гуэгуш (лат-бз.: Meleagridinae; ур-бз.: Индейка) — мэз-джэд лъэпlкъцlыкlуипlлlым я зы, джэд лъэпlкъым ящыщ бзухэм. Езы тхьаджэдхэмрэ, бзушхуитl Америкэм имэзхэм щыпсоухэмрэ хеубыдэ. Шlыпlэ здэпсохэр: курытхэмрэ, къуэкlыпlэ штатхэмрэ АШЗ-м къыщыкlэдзауэ ипшъэмкlэ Гуатемала нэгъунэ
Яшъхьамрэ пшъэм игупэмрэ къуиуэ щыт, фэр хуэбэга хуэду къэлэлэху ипэмрэ итэмакъымрэ идежь.
Ибгъэм тет цы гуэрэхэр зэрызу, кlыхьу, быду щытхэ, Идамэм тет цы ещану кlуэр адрей дамэцхэм нэхъри нэхъри нэхъ кlыхь. Кlапэм цы 18 хэт, къиlатыфу, зэгуихыфху.
Тхьаджэд мы lарысэу здэпсохэр Ишъхъэрэ Америкэм, Миссурирэ Миссисипирэ я псыхъуэ мэзхэм, щыпсохэр я инэгъымкlэ ирагъэхьчкъым адрейхэм (тхьаджэдыхъухэр кг 8 носыр).
Нэшхуэ тхьаджэдыр (Meleagridinae ocellata) здэпсор Курыт Америкэм
Япэкlэ бзу lазэгъуэхэм тхьаджэдхэр лъэпlкъ хуиту къыхагъэкlт адрей бзухэм Meleagridae. Абы бэмыкlыу езы тхьаджэдхэр щыуэ зэхагъэкlт лъэпlкъцlыкlу.
Иджыпсту тхьаджэдхэр лъэпlкъцlыкlуипlлlым я зыуэ ялъытэ, мэз-джэд бзухэм ящыщу. Абы хэтхэр:
Унагъуэ, lарысэ тхьаджэдхэр къызхагъэкlахэр M. gallopavo-хэра