КӀырыкъ лъэпкъыр (лат-бз. Emberizidae) — унэбзу хэкӀыгъуэм щыщ лъэпкъ бзу жьгъейхэщ.
Цы щабэ Ӏув ятетщ. Хъухэмрэ анэхэмрэ я теплъэр зэщхькъым. ЛӀэужьыгъуэ нэхъыбэм илъэсым цы зэщ зэрапхъыжьыр. Лъакъуэ лъэщ кӀэщӀхэщ.
Щопсэу губгъуэхэм, мэз гъэуапӀэхэм, тундрэм. Бгылъэхэм щыпсэухэр къущхьэхъу нэс уащыпэщӀохуэ. ЩӀылъэм, къыр зэгуэкӀыпӀэхэм, чыцэхэм мылъагэу щогъуалъхьэ.
Я Ӏус нэхъыщхьэр къэкӀыгъэщ — жылэ, тхьэпэ къыдэжагъащӀэ, апхуэдэуи — хьэпщхупщ, гъудэбадзэ.
Лъэпкъыгъуэ зэщӀиубыдэхэр: