Бзущхьэщэщ (лат-бз. Oenanthe isabellina) — жьыкъан лъэпкъ, бзукӀэзэгуэх лъэпкъыгъуэщ.
Мыр хэбгъэгъуащэ хъунукъым и гъунэгъу лӀэужьыгъуэ бзукӀэзэгуэхым. ТхыцӀэр пшэхъуафэщ, кӀащхьэр хужь-гъуэжьыфэщ, бгъэм нэхъ фӀыцӀафэ къыщӀэуэу.
Къаукъазым гъунэжу ущыхуозэ. Мэлъэтэж, щогъуалъхьэ, хъупӀэхэм, губгъуэ гъущэхэм, удз лъагуэ пӀащӀэхэм. ФӀыуэ елъагъу мывалъэ, пшэхъуалъэ къум ныкъуэхэри.
Мы бзур хуэму зы щӀыпӀэ итыфкъым: тӀыс-тэджщ, мыващхьэм адэкӀэ-мыдэкӀэ зыщегъазэ, къафэ, щхьэщӀэ ищӀ хуэдэу. И кӀэр игъэсыс зэпыту, дамэхэр щӀиупскӀэу мыващхьэм ирожэ Ӏус лъыхъуэу. Абгъуэ зэпэхъурейр удзыпкъ гъущэрэ бацэу зэхэтщ икӀи щӀы щӀагъым куууэ щыгъэпщкӀуащ — шэрыпӀ мыинхэм я гъуэ бгынэжахэм.