БзухьэкӀэ (лат-бз. Carduelis cannabina) — бзупэгъум лъэпкъым щыщщ.
Унэбзум нэхърэ мащӀэу нэхъ цӀыкӀущ. Гъатхэм хъум и натӀэр, щхьэщыгур, бгъэгур — плъыфэщ; тхыцӀэр — гъуабжэщ; ныбэщӀагъыр, джабэхэр — хужьщ. Щхьэгуагуэ мащӀэ иӀэщ. Анэм и теплъэм плъыфэ хэткъым.
Здэпсэур цӀыхур зытелэжьыхь щӀыпӀэхэрщ. Щыгъуэлъхьэну нэхъ къыхех жыг хадэхэр, мэз кусэ ӀэрыгъэкӀхэр, бжыхь папщӀэу хадэ гъунэхэм къырагъэкӀэкӀ чыцэ жыг Ӏувхэр, хъупӀэхэр, мэз лъапэ чыцэ къэкӀыгъэхэр. Абгъуэр щӀыгум метри 3-м нэсу щхьэщыӀэтыкӀащ. Ищхъэрэ Къаукъазым бзухьэкӀэр щыкуэдщ, мылъэтэжу щопсэу бгы лъапэ, бгылъэ щӀыпӀэхэм. ЩыӀэщ Еуропэм, Ищхъэрэ-КъуэкӀыпӀэ Африкэм, Азиэм я щӀыпӀэ щхьэхухэми.
Я Ӏусым и нэхъыбэр удз жылэщ. Шырхэм гъуди, бадзи ирагъэшхщ.