Тхьэрыкъуэхэр (лат-бз. Columba) — къуалэбзу лъэпкъыгъуэ, тхьэрыкъуэ лъэпкъым щыщщ.
ФӀэщыгъэм къызэщӀеубыдэ лӀэужьыгъуэ зыбжанэ. Мэзхэм, губгъуэхэм, хьэблэхэм бжыгъэу уащыпэщӀохуэ. ПщӀантӀэ гъэдахэ хьисэпкӀэ унэм щыӀыгъщ.
Цы Ӏув ятетщ; пэ, пщэ, лъакъуэ кӀэщӀхэщ, ауэ дамэ кӀыхь-папцӀэхэщ. ПсынщӀэу мэлъатэ, задэу заӀэтыф. Ӏусыр къанэ щымыӀэу къэкӀыгъэщ — нэхъыбэу жылэ, пхъэщхьэмыщхэ, мэракӀуэхэкӀ. Я хулъэр лъэщщ, зызужьащ, «шэ» ещӀыр, шырхэр ирагъашхэу. Абгъуэ щащӀ жыг къудамэхэм, къырхэм, нэпкъхэм, зэзэмызи — гъуэхэм, жыг гъуанэхэм. Бжьыхьэ-щӀымахуэ зэманым гупышхуэхэурэ зэрыӀыгщ. Я пэр псым къыхамыхыу, дырамгъэзейуэ йофэхэр.
Адыгэхэм, Азиэм щыпсэу лъэпкъхэм, иужькӀэ слауанхэм я дежкӀэ тхьэрыкъуэр — щӀалэмрэ пщащэмрэ яку дэлъ лъэгъуныгъэ къабзэм,щэбагъэм я дэмыгъэщ (адыгэ уэрэдыжь «Тхьэрыкъуэпщэху», «Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ»). Фызышэ уэрэдым деж нысэу къашэ дахэр[1]:
« Уэредадэ, къырым тхьэрыкъуэщ, Уэредадэ, тхьэрыкъуэ жьэгъухущ »Къуалэбзум и адыгэ фӀэщыгъэр «Тхьэм и лӀыкӀуэ (къуэ)» жэуэ къыбгурыӀуэ хъунщ. Апхуэдэ лъытыгъуэ тхьэрыкъуэм иратыр чристэн динми.
Нарт ӀуэрыӀуатэхэми я деж хышхуэ щӀагъым щыпсэу зэшыпхъуищыр «Тхьэрыкъуафэхэр ятелъу» псэгъу ящӀыным и лъыхъуакӀуэ Нарт Хэкужьым лъэтэрейхэт я дыщэ жыгым махуэм къыпыкӀэ мыӀэрысэ телъыджэ закъуэр ядыгъуу, абыкӀэри нарт щауэхэм гу зылъырагъэтэн ягугъэу[2]
Лъэпкъыгъуэм лӀэужьыгъуэ 50-рэ зэщӀеубыдэр, ахэр: