Псытхьэрыкъуэ (лат-бз. Sterna hirundo) — псытхьэрыкъуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Дамэ кӀыхь бгъузэщ, кӀэ дыкъуакъуэщ. Гъуэлъхьэгъуэм и тхыцӀэр щхъуэ-фӀыцӀафэщ, щӀагъыр хужьыфэщ. Щхьэщыгу фӀыцӀэщ, пэплъщ.
Мы лӀэужьыгъуэм ущыпэщӀэхуэнущ Еуропэм, Азиэм, Африкэм я хыкъумхэм, псыежэххэм, хыӀуфэхэм. Ди къэралым щыӀэхэр мэлъэтэж. Гуп-гупурэ щогъуалъхьэ псыхъуэ Ӏуфэ удзым, мывэкӀэщхъым. Къаукъазым и псыхъуэхэм, хы, хыкъум Ӏуфэхэм къызэрыкӀуэ къуалэбзу.
Ӏус нэхъыщхьэр бдзэжьей, хьэпщхупщ, псэущхьэ жьгъейщ.