dcsimg

Ныбгъуэ ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Ныбгъуэ (лат-бз.: Coturnix coturnix) — псэушъхьа, бзу, мэзджэд лъэпкъым ящыщ.

Аплъэпlкъыр

Кlыфэм икlыхьагъыр см. 16-20, ихьалъагъыр г. 80-145.

Ицыр пшахъуэфу щыт, шъхьашыгум, кlыбым, кlапэцхэм фlыцlафу, цыху хэпхъауэ щыт, нэкlыбым плъыжьу цыхэр щыт. Хъухэм нэкlур плъыжь-къуафlцlафу щыт, бгъэр плъыжь, жэпкъымрэ тэмакъымрэ фlыцlэ. Анэкlэхэм я жэпкъымрэ тэмакъымрэ пшахъуэфэ, псыфу щыт, бгъэмрэ лъэныкъуитlхэмрэ тет цыхэм гъуабджэ-къуафlцlу хэпхъа ( уэгу ).

Здэпсохэр

Ныбгъуэхэр Еуропэм, Африкэм, Къуэхьапlэ Азиэм, Урысейм къуэкlыпlэ лъэныкъуэмкlэ Байкалым нэс щопсоухэ. Губгъуэхэм иэ къушъхьахэм щопсоу, Шlымахуэкlэ Африкэм Ипшъэ-Къуэхьапlэ Азиэм мэкуэчхэ (Ипшъэ Африкэмрэ Индостанымрэ). Бгъуэ здашъыр, къыздырачыр Еуропэ псомрэ Азиэмрэ, Палестинэмрэ, Ираным, Туркистаным.

Зэрзэпыхьахэр

Удзым къэкlын зэркlидзу, ныбгъуэм кlиин кlедзэ, хъухэм зэзэуэн кlадзэ анэкlэхэм шъхьакlэ. Ябгъуэхэр шlым щашъыр. Анэкlэм дждыкlэ 8-20 хуэдиз егъэтlылъ, я фэр псыфу щыту къуафlцlэ, гъуабджэ яхэпхъауэ. Джэдыкlэхэм махуэ 15-17 тес, хъур хэмыту, изакъуэ къыречыр.

Зэрыпсохэр

Гуэдзыр щыхъум идей ныбгъуэхэр губгъуэмкlэ хэтысхьан кlадзэри кlэху пчэр мэхъухэ. Куэчын щыкlадзэр шыщхьэIум икlэм щыкlэдзауэ фокIадэм икlэм нэгъунэ. Яшхыр нэхъыбу къэкlыгъэ ( джылэ, тхьампэ-къэтlэпl, гъуэч ), макlыу цlыв lамэ

Сурэтылъэ

license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors