Бгъэн (лат-бз.: Phrаgmites, ур-бз.: Тростник) — удз-къэкӀыгъэ ин, хьэцэпэцэ лъыпкъым (Poaceae) ящыщу, псыхъурей Ӏуфэхэм, псыхъуэхэм куэду зэкӀэкӀыурэ мэкӀыр, дунейм и нэхъ хуэабэ лъэныкъуэхэм.
Псыудзхэм ящыщ, псыӀуфэхэм къыщыкӀыу, зэзэмызэкӀэ псыкууми къэщыхэкӀ хъууэ (метрэныкъуэм нэс), псыпцӀэхэм, губгъуэ псы къыздинахэм, мэзкӀуэцӀ псынэхэм яде.
КъэкӀыгъэр псэушъхьэ куэдхэм я Ӏусу макӀуэ (псыдзыгъуэхэм, шъыхьхэм, бланэхэм...) Шъхьахуиту къыздэкӀхэм пӀэшхуэ еубыд, псэушъхьэхэм яхуэсэбэпу.
КъэкӀыгъэм и гъэч къыдидзхэр былымӀусу къагъэсэбэпыр. ЦӀыхухэм ижъ-ижъыжьрэ мылъкум къагъэсэбэпт, унэ щашъкӀэ - унашъхьэрэ, бжьыхьрэ ирашъу. Абы пэмыкӀыу бгъэным арджэн, матэ, тхылъымпӀэ къыхашъыкӀыу, пэмыкӀыу хьэку ирагъэплът, къамыл къыхашъыкӀт.
Куэдым бгъэныр шӀыр ирагъэубыдын шъхьэкӀэ псым кӀимыхыну псыӀуфэм щагъэтӀыс, иэ хадэхэм удзгъэгъахэм ядӀэкӀыгъу къагъэкӀыр.