Къамылджэд (лат-бз. Gallinula chloropus) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Щхьэр, пщэр, ныбэ щӀагъыр — щхъуэ-фӀыцӀафэщ; тхыцӀэр — гъуабжэщ; джабэхэм кусэ хужь ирокӀуэ. Пэр гъуэжьщ; дамэхэр, натӀэр — плъыжьщ.
Аустралиэм къинэмыщӀа, дэни щыӀэщ. Ди къэралым и ищхъэрэ щӀыпӀэхэм носыр. Щогъуалъхьэ бгъэн, къамыл Ӏув къыздэкӀ псыӀэхэм. Абгъуэр къамылыпкъхэм пещӀыхь, псым щхьэщыӀэтыкӀауэ. Лъэ тхьэпэхэр унэ джэдым ейм хуэдэми къамылджэдыр дэгъуэу псым йос, зыщӀегъэмбырыуэ, къэкӀыгъэ Ӏувым псынщӀэу къыщежыхьыф — чыцэхэм, жыг мылъагэхэм докӀуэй, и лъэпхъуамбэ кӀыхьхэр къыришэкӀыурэ. Щылъатэр зэзэмызэщ. Гъатхэм кӀасэу (мэлыжьыхьым) къэлъэтэжми гъэм тӀо къыреш.
Ӏусым, псэущхьэ нэмыщӀ хэхьэкъым — псы гъудэбадзэ, бэдж, нэщӀэпкӀэ.
Къамылджэд (лат-бз. Gallinula chloropus) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.