dcsimg

Банэжыг ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Банэжыг (лат-бз. Gleditsia triacanthos) — банэжыг лъэпкъэгъум щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр

Зи лъэгагъыр м 25-30-м нэс, жьауэ мащӀэ зыщӀ жыгщ. И пхъафэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, жыгыпкъым, къудамэхэм см 10-15-м нэс я кӀыхьагъу банэ куэд ятетщ, тхьэмпэ цӀыкӀу 16-28-у зэхэт, къабзийм ещхь жыг тхьэмпэхэм я кӀыхьагъыр см 15-20-м нос. МащӀэу гъуэжьыфэ къызыщӀэлъадэ гъэгъахэр накъыгъэм-бадзэуэгъуэм, тхьэмпэ къищӀа нэужь, къыпедзэ. Жылэхэр бжьыхьэм ирихьэлӀэу мэхъу, гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, пӀащӀэ-хъурей щӀыкӀэщ.

КъыздэкӀыр

И щӀыналъэр АШЗ-м и ипщэ-къуэкӀыпӀэ штатхэращ. Абым къырашауэ иджыпстукӀэ сыт хуэдэ къэралми ухуозэщ. Нэхъыбэу къыздагъэкӀыр Еуропэм, Азиэм и ипщэ, курыт лъэныкъуэхэращ, щӀыпӀэ нэхъ хуэбапӀэхэм.

Къэгъэщхьэпэгъуэр

И гъэгъахэм бжьэм фо къыхах. Банэ жыгкӀэ хадэ, губгъуэхэр, жыг хадэхэр къраухъуреихь. Ар зэщӀэкӀа нэужь, хадэхэр фӀыуэ Ӏэщым щехъумэ.

Тхылъхэр

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.

license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors