Бегъымбарӏэпэлъ е ӏэпэлъ (лат-бз. Digitalis) — лӏэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжьа удз лъэпкъэгъущ.
Къаукъазым ӏэпэлъэу лӏэужьыгъуитху къыщокӏри, псори илъэс бжыгъэкӏэ мэпсэу, лъабжьэ быдэ яӏэщ. Гъагъэхэр инхэщ, ӏэрамэ кӏыхьхэу зэхэту, удз щхьэкӏэхэм къапедзэ, къапщӏийхэр, удзыр зыхуэдэ лӏэужьыгъуэм елъытауэ, плъыжьхэщ, пшэплъыфэхэщ, гъуэжьхэщ, гъуэжь-хужьыфэхэщ.
Зи къэпщӏийр плъыжь ӏэпэлъ лӏэужьыгъуэр цӏыхухэм къагъэкӏ, Еуропэ Къухьэпӏэм къырашауэ, адрейхэр езыр-езыру ди щӏыпӏэхэм къыщокӏ. Мэзхэм, бгыщхьэхэм уащрохьэлӏэ.
Лӏэужьыгъуэ псори хущхъуэу къагъэщхьэпэ.
Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.