Псыхэуэцыплъ (лат-бз. Ardea purpurea) — псыхэуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
И пкъымкӀэ псыхэуэм ещхьщ, ауэ теплъэр гъуэ-фӀыцӀабзэщ, нэхъ цӀыкӀущ.
Еуропэм, Азиэм, Африкэм я щӀыпӀэ куэдым щыӀэщ. Къаукъазым щыпсэухэр мэлъэтэж. Псыхэуэцыплъхэр гуп-гупурэ щогъуалъхьэ псы зи гъунэгъу бгъэн, къамыл, ӀутӀанэ къэкӀыгъэхэм, дзэл, гъурц жыг зыхэт удз Ӏув лъагэхэм. Псыхэуэ псоми яхуэдэу, мыхэри моногамнэхэщ — зэгуэгъу хъуахэр я гъащӀэ псом зэдопсэу. Я абгъуэ Ӏэгъуэблагъуэр къыхах тафэ зэӀуха, хыкъум здэщыӀэ, щӀыпӀэ псыӀэхэр, къамыл, нэгъуэщӀ псы удзхэр, чыцэ лъахъшэхэр къыздэкӀхэр. Мэзхэм зыпыӀуадз. Псыхэуэцыплъхэр мэгъуалъхьэ гуп-гупури тӀурытӀури.
Яшх хьэпщхупщ, бдзэжьей, елыркъэш, хьэндыркъуакъуэ, шынакъыкӀ, шындырхъуо, блэ, дзыгъуэ.