Гъуэжьудз (лат-бз.: Hypericum, ур-бз: Зверобой) — къкӀыгъэхэм ящыщ Гъуэжьудзлъэпкъ (Hypericaceae).
ГъэбжыгъэкӀэ къэкӀхэм ящыщ, макӀыу гъэкъэкӀыгъу удзу щытхэ, пабжъэхэ, пабжъэшхуэхэ иэ жыгху къокӀхэ.
Жэпкъхэр янэхъыбэм, мы хъуреуэ адрей къэкӀыгъэхэм хуэду, плӀыму щытхэ.
Тхьампэхэр занкӀэху, кӀыхьу щытхэ, я лъапэхэр кӀэкӀыу иэ занкӀыу жэпкъым фӀэсу.
Гъагъэхэр зэрызу иэ гупышху зэхэтхэ. Тхьамэ тхурытхурэ ятет, макӀыу плӀы ятет мэхъур, дышъафу иэ гъуэжьу щыту я фэр.
Лъэпкъым 110 хуэдизкӀэ зэшъхьащокӀхэр, нэхъыбу ШӀыгум Ишъхъэрэ ныкъуэмкӀэ иэ тропикхэм нэхъ ягъунэгъу, ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ къэкӀху. Нэхъыбэдыду здэщыӀахэр Хы Курытым иӀуфэ лъэныкъуэхэм.
Урысейм илъэпкъхэм ящыщу зытӀущ къыщокӀыр; еуропэ лъэныкъуэмкӀэ - Hypericum perforatum, Hypericum quadrangulum. КъэкӀыгъитӀри удз гъэбжыгъу къэкӀхэм ящыщ, я лъабжъэхэр шӀым къыкӀэну. Я гъагъэхэр тӀуми гъуэжьу щыт; удзытӀри хъушхъу ялъытэ.
ПэмыкӀхэм ящыщу- гъэпсом удзыфу щыт Hypericum calycinum, Hypericum oblongifolium, къудамэхэр плъыжьыху, итхьампэхэр кӀыхьу щыту. ( Гималай къушъхьахэм къыщокӀыр ), Hypericum androsaemum ( Ишъхъэрэ Еуропэм щыщ ), аищыр удзгъагъэ хуэду ягъэкӀхэр Ӏарысу.
Къышъхьапагъэм шъхьакӀэ ягъэкӀхэр: