dcsimg

Бгъэдахэщӏудзхэр ( Kabardi )

tarjonnut wikipedia emerging languages

Бгъэдахэщӏудзхэр (лат-бз. Lupinus) — лӏэужьыгъуэ зыбжанэу гуэша удз лъэпкъэгъущ.

Теплъэр

Бгъэдахэщӏудзхэм яхэтщ зы гъэкӏэ, нэхъыбэкӏи къэкӏ лӏэужьыгъуэхэр. Япкъхэр занщӏэу докӏей м. 1-1,5-м нэскӏэ, я тхьэмпэ хъурей, кӏы кӏыхь зиӏэхэр 5-9-уэ зэхэтщ. Удз щхьэкӏэм гъэгъа мэ дахэ къызыкӏэриххэр, ӏэрамэ кӏыхьу зэхэту гъэмахуэм къыпедзэ. Лӏэужьыгъуэхэр зэрызэщхьэщыкӏ щытыкӏэхэм хохьэ гъэгъахэм я фэри.

КъыздэкӀыр

Ди щӏыпӏэм ӏэрысу мыхъумэ, езыр-езыру къыщыкӏкъым. Урысеим къыщагъэкӏ зи гъагъэхэр хужьыфэ, пшэплъыфэ, къащхъуафэ бгъэдахэщӏудзхэр. Куэду щыӏэщ Хуэхуэлеим, Урысыхум, Балтикэ къэралхэм, Азэрбиджаным. Ар вагъэм щӏырагъэубыдэ, щӏыр игъэпшэрыным папщӏэ. ӏэщым ирагъэшхи къохъу. Бгъэдахэщӏудзыр щӏыпӏэ щӏыӏэтыӏэхэм нэхъыфӏыу къыщокӏ.

Лӏэужьыгъуэхэр

Тхылъхэр

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.

lisenssi
cc-by-sa-3.0
tekijänoikeus
Wikipedia authors and editors
alkuperäinen
käy lähteessä
kumppanisivusto
wikipedia emerging languages