Къазхужь (лат-бз. Anser caerulescens) — къаз теплъэхэм ящыщщ.
И нэхъыбэм къуалэбзу зи теплъэр хужьу щытщ. Инкъым, ч. 3-м нэхъыбэ къишэчкъым. И пэмрэ лъакъуэхэмрэ плъыфэ къащӀоуэ. И пэм и хъуреягъымрэ, дамакӀэхэмрэ цы фӀыцӀэ ятетщ.
Урысеймрэ Америкэмрэ я Ищхъэрэ жыжьэм щопсэухэр, зэзэмызэщӀэ Къаукъазым щӀымахуэр щизых уапэщӀохуэрщ. Мазэрэ ныкъуэрэ хуэдизым деж щырхэм лъэтэн яублэщ.
Я бжыгъэр мащӀэ дыдэ хъуащ, щэкӀуэным ихьауэ. Иджыпсту хъумэным щӀэт лӀэужьыгъуэщ.