Тхьэрыкъуащхъуэ (лат-бз. Columba oenas) — тхьэрыкъуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр зэфэзэщу щхъуафэщ, ныбэ щӀагъыр нэхъ тэхуфэу, хулъащхьэм плъыфэ къыщӀэуэу, балигъ хъуахэм — пщэ щӀыбым удзыфэ-лыд пщэхъу ныкъуэу къекӀуэкӀыу.
АбгъуэмкӀэ нэхъ къыхех жыггъуанэ здэкуэд мэзыжьхэр, къыр нэпкъ задэхэр. Лъэтэжкъым, бжыгъэкӀэ курытщ.
Я Ӏусым къэкӀыгъэ нэмыщӀ хыхьэкъым: хадэхэкӀхэр, удз жылэхэр.