dcsimg

Къырпсыхэуэ ( kabardien circassien )

fourni par wikipedia emerging languages

Къырпсыхэуэ (лат-бз. Ciconia nigra) — псыхэуэбзагуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэ пӀащэщ.

Теплъэр

Теплъэр фӀыцӀэщ, удзыфэ лыд къыщӀэуэу, ныбэ щӀагъыр хужьщ. Псыхэуэ къызэрыкӀуэхэм яхуэдэу мыри пэкӀыхь, пщэкӀыхь, лъакъуэкӀыхьщ, кӀэбдз лъащӀэмрэ лъэдиймрэ цы ятеткъым. Ин хъуа шырхэм я цыр лыдкъым.

Здэпсэухэр

Къырпсыхэуэр щӀыпӀэ куэдым щогъуалъхьэ, куршым и гъунэгъуу мэз, псыпцӀэ, хыкъум псы здагъуэтым, Еуропэм, Азиэм, Къаукъазым. ЩӀымахуэр щрах Ипщэ Африкэм, Индиэм (Ганг псым и Ӏэгъуэблагъуэм), Хъутейм и Ипщэ-КъуэкӀыпӀэм. Абгъуэ щещӀ щӀыпӀэ къуейщӀейхэм — жыг къудамэхэм, къырыщхьэ, бгъуэнщӀагъ дапхъэхэм, илъэс бжыгъэкӀэ къегъэсэбэп. КӀэцӀын щиублэр илъэсищ ныбжьырщ. Шырхэр абгъуэм къыщилъэтыр я ныбжыр махуэ 64-65-м нэсауэщ.

Ӏусыр

Ӏусыр къанэ щӀагъуэ щымыӀэу псэущхьэщ, нэхъыбэу бдзэжьей, алыркъэш, хьэндыркъуакъуэ, абым нэмыщӀу дзыгъуэхэр, блэхэр, шындырхъуохэр.

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
licence
cc-by-sa-3.0
droit d’auteur
Wikipedia authors and editors