dcsimg

КӀукӀумяугъуэ ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

КӀукӀумяугъуэ (лат-бз. Asio flammeus) — кӀукӀумяу лъэпкъщ.

Теплъэр

И теплъэр елъытащ ныбжьым, гъэм. Хъумрэ анэмрэ зэфэгъущ, ауэ япэрейр нэхъ цӀыкӀущ. ТхыцӀэхэр гъуэщ, гъунэхэр хужьыфэ-гъуэжьыфэу. Нэм и хъуреягъкӀэ кусэ фӀыцӀэ къырокӀуэкӀ. Ныбэ щӀагъыр гъуэжьыфэщ, е хужьыфэщ.

Здэпсэухэр

КӀукӀумяугъуэхэр щопсэу Еуропэм, Азиэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм.

Абгъуэ щащӀ тундрэм, паркхэм, губгъуэхэм — нэхъыбэу тафэхэм, ауэ Къаукъазымрэ Алтаймрэ щогъуалъхьэ м. 2,300-рэм нэс зи лъэгагъ бгыхэми. Абгъуэр щӀылъэм щещӀ.

Ӏусыр

Ӏус нэхъыщхьэр дзыгъуэщ, къуалэбзу жьгъейщ, гъудэбадзи щышх щыӀэщ. МэщакӀуэ жэщкӀи махуэкӀи.

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors